More editions from languages from Russian republics or Engagement Questions in other languages
Read: Comic Book
1. Хьисэ къокӀуэр! (p.1-1) (МтӀ. 3:1-17) / КъыкӀэлъыкӀуэ видео пычыгъуэр: #1 Хьисэ зэраумэхъар
• Сыт цӀыхухэм псым деж щӀызэхуэсар?
• Сыт Яхья цӀыхухэм ящӀэн хуейуэ жриӀар, Тхьэм и Тепщэныгъэр къызэрысым зыхуагъэхьэзырын папщӀэ?
2. Нэрымылъагъу зауэ (p.2-2) (МтӀ. 4:1-12) / КъыкӀэлъыкӀуэ видео пычыгъуэр: #2 Хьисэ пшахъуэщӀым
• Дэнэ Тхьэм и Псэм Хьисэ здигъэкӀуар, умэхъа хъуа иужь?
• Сыт Хьисэ ищӀар, пшахъуэщӀым щыӀэху?
• Сыт хуэдэу Ӏиблис Хьисэ зэригъэунэхуар?
• Сыт хуэдэу Хьисэ жэуап зэрыритыр Ӏиблис зэригъэунэхуным?
3. ДжэлылейкӀэ Къаныхь щыӀа нэчыхьыр (p.3-3) (Яхь. 2:1-11) / КъыкӀэлъыкӀуэ видео пычыгъуэр: #3 ДжэлылейкӀэ Къаныхь щыӀа нэчыхьыр
• Сыт Хьисэ Къэнахь щӀэкӀуар?
• Сыт хуэдэ телъыджэлажьэ Хьисэ Къэнахь щищӀар?
4. Си ужь къиувэ! (p.4-4) (МтӀ. 4:12-22) / КъыкӀэлъыкӀуэ видео пычыгъуэр: #4 Хьисэ КуфырнэхьумкӀэ щыӀэу
• Сыт Хьисэ ПӀэтӀыр ищӀэну зэрелъэӀуар? Сыт къэхъуар ПӀэтӀыр Абы едэӀуа иужь?
• «Си ужь фыкъиувэ, бдзэжьейр къызэрывубыдым ещхьу, цӀыхур фхьэхуфу фезгъэсэнщ». Фэ сыт хуэдэу цӀыхухэм Хьисэ зэревгъэцӀыхуфынур?
5. Гъуэгу махуэ тетхэм я ущие (p.5-5) (МтӀ. 5:1-16)
• Сыт хуэдэ фӀыгъуэхэр къаӀэрыхьэну, Тхьэм и Тепщэныгъэм щхьэкӀэ гугъу ехьхэмрэ, къырахуэкӀхэмрэ?
• Сыт хуэдэу ди жэгъуэгъухэм дазэрыхущытын хуейуэ жиӀэр?
6. ХъужакӀэщ! (p.6-6) (Лк. 5:17-25, 6:6-11) / КъыкӀэлъыкӀуэ видео пычыгъуэр: #5 Гъэхъужыныгъэ
• Сытым дыхуригъасэрэ сымаджэм и ныбжьэгъухэм ялэжьа ӀуэхущӀафэм?
• Нэхъыщхьэу сыт хуэдэ ӀуэхугъуитӀ, Хьисэ цӀыху сымаджэм хуищӀар?
7. Хьисэ и гъусэу кхъуафэжьейм (p.7-7) (МтӀ. 8:23-27) / КъыкӀэлъыкӀуэ видео пычыгъуэр: #6 Хьисэ и лъэкӀыныгъэр
• Гъэсэнхэр кхъуэфэжьейм сыт хуэдэ Ӏуэхугъуэ гугъу зыщырихьэлӀар?
• А Ӏуэхугъуэ гугъур Хьисэ зэхигъэкӀа, икӀи Хьисэ и лъэкӀыныгъэм теухуауэ сыт къывгуригъаӀуэр?
8. Жин бзаджэм хъушэр къызэрыхихужар. (p.8-8) (Мк. 5:1-20)
• Хэт абыхэм къалъэгъуар, адрей псы ӀуфэмкӀэ зэпрысыкӀа иужь? Сыт Хьисэ абы щхьэкӀэ ищӀар?
• Сыт Хьисэ а ЩӀалэм ищӀэну унафэ хуищӀар?
9. Гъэсэнхэм я къэлэныр (p.9-9) (МтӀ. 9:35-38, 10:1-39) / КъыкӀэлъыкӀуэ видео пычыгъуэр: #7 Хьисэ и гъэсэн пщыкӀутӀыр
• Дэнэ Хьисэ Тхьэм елъэӀуну здэкӀуар? Сытым фыхуригъасэрэ фэ мы Ӏуэхум?
10. Хьисэ мэжалӀэхэр егъашхэр (p.10-10) (Яхь. 6:1-15) / КъыкӀэлъыкӀуэ видео пычыгъуэр: #8 Щакхъуитхумрэ, бдзэжьеитӀымрэ.
• ЦӀыхухэм яхуиӀэ гущӀэгъур яригъэлъэгъун папщӀэ, сыт Хьисэ ищӀар?
11. Уи фӀэщ гъэхъу е ӀукӀыж. (p.11-11) (МтӀ. 14:22-33; Яхь. 6:22-40, 60-69) / КъыкӀэлъыкӀуэ видео пычыгъуэр: #9 Хэт хъуну Хьисэ
• ПӀэтӀыр псым щӀилъэфэн щхьэ щӀидза?
• Хьисэ и гъэсэнхэм, фэри фызбгъэдэкӀыну фыхуей жиӀэу щеупщӀам, сыт абыхэм жэуапу къатар? Сыт абы фызыхуигъасэр?
12. Уи жорыр къащтэ (p.12) (МтӀ. 16:13-28)
• Хьисэ и гъэсэнхэм, фэ хэту сыкъызэрыфлъытэр, жиӀэу щеупщӀам, сыт жэуапу къатар?
• Хьисэ зэрыжиӀэмкӀэ, сыт ящӀэн хуейр, Абы иужь иту кӀуэну хуейхэм?
13. ФӀыщӀэ пщӀыуэ щыт (p.13-13) (Лк. 17:11-19) / КъыкӀэлъыкӀуэ видео пычыгъуэр: #10 Фаджэ уз зэфыкӀыр зэригъэхъужамрэ, Зэхейрэ
• Хэт Хьисэ хуабжьу елъэӀуар хъужын щхьэкӀэ?
• СыткӀэ Тхьэр къызэрытпэплъэр, ди лъэӀум жэуап кърит нэужь?
14. Сабийм хуэдэу фыщыт (p.14) (Лк. 19:1-10; МтӀ. 19:13-15)
• Ехьудей нэхъыжьхэм я ӀуэхутхьэбзащӀэр Хьисэ иужь иувэну щхьэ ирахулӀа?
15. Хьисэ гъащӀэ ет (p.15-15) (Яхь. 11:17-44) / КъыкӀэлъыкӀуэ видео пычыгъуэр: #11 Лазыр къызэригъэпсэужар
• Сыт Хьисэ "Сэращ цӀыхухэр къэзыгъэхъужри, гъащӀэ езытри" щыжиӀам къыригъэкӀар?
16. Ар лӀэн хуейщ (p.16-16) (Яхь. 11:45-54) / КъыкӀэлъыкӀуэ видео пычыгъуэр: #12 Дин пашэхэм Хьисэ и псэр ягъэныну мурад ящӀащ
• Хэт Хьисэ къигъэпсэужар?
• Сытыт ехьудей нэхъыжьхэр Хьисэрэ и гъэсэнхэмрэ щӀахуэгубжьар?
17. Хьисэ пщӀэ зэрыхуащӀыр (p.17-17) (Яхь. 12:1-11)
• Хьисэ зэрыжиӀэмкӀэ, сыт Марьям ищӀар, дагъэ лъапӀэр Абы и лъакъуэм щытрикӀам?
18. Пащтыхь Ӏэдэб (p.18-18) (Лк. 19:29-44) / КъыкӀэлъыкӀуэ видео пычыгъуэр: #13 Хьисэ Ерусалим зэрыдыхьар
• Сыт Хьисэ къыдырым тесу Ерусалим щӀыдыхьар?
• Сыт хуэдэ тыхь Щынэ ди гуэныхьхэр зыгъэкъабзэжынур?
19. СатуущӀэхэр Тхьэм и Унэм къызэрыщӀихужар (p.19-19) (Лк. 19:45-48)
• Хьисэ Тхьэм и Унэм щыщӀыхьам, сыт цӀыхухэм щӀахуэгубжьар?
20. Ехьудэ Хьисэ епцӀыжыну мурад зэрищӀар (p.20-20) (МтӀ. 26:14-19) / КъыкӀэлъыкӀуэ видео пычыгъуэр: #14 ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр
• Хэт ахъшэ зэхуихьэсу, Хьисэ епцӀыжар?
21. Гъэсэнхэм я лъакъуэр зэритхьэщӀар (p.21-21) (Яхь. 13:1-35)
• ӀутӀыж(Пасха) махуэщӀым мыхьэнэуэ иӀэр сыт?
• Сыт къригъэкӀар Хьисэ, ӀуэхутхьэбзащӀэу щытыр, тепщэ хъунущ щыжиӀам?
22. Пщыхьэщхьэшхэ ЛъапӀэ (p.22) (МтӀ. 26:26-30; Яхь. 13:34-38)
• "Мыр сипкъщ" "мы санэр силъырщ" щыжиӀам, сыт къригъэкӀар Хьисэ а псалъэхэм?
• Хьисэ зэрыжиӀэмкӀэ, и гъэсэнхэм сыт ящӀэн хуейр, ахэр Абы пэжу и гъэсэну зэрыщытыр ягъэлъэгъуэн папщӀэ?
23. Зэраубыдыр (p.23-23) (Яхь. 18:1-11; МтӀ. 26:36-57) / КъыкӀэлъыкӀуэ видео пычыгъуэр: #15 Джэсэмэн щӀыпӀэмрэ, хьэкумымрэ.
• Хьисэ и Адэм къаритыну сыт жыхуиӀэр абыхэм?
• Сыт къыригъэкӀар Хьисэ "Сэ сы-гъуэгущ, сы-пэжыгъэщ икӀи сы-гъащӀэщ"щыжиӀам?
24. Хьэкумыр (p.24-24) (МтӀ. 26:57-75)
• Хьисэ ицӀыху зэрыщытым, хэт бгъэдэкӀар?
• Чристэныр дауэ Хьисэ зэрыбгъэдэкӀыфынур?
25. Тезыр (p.25-25) (МтӀ. 27:11-30; Яхь. 18:28-40)
• Сыт щхьэкӀэ Хьисэ щӀагъэтӀысар?
26. Жорым (p.26) (Яхь. 19:12-27) / КъыкӀэлъыкӀуэ видео пычыгъуэр: #16 Хьисэ жорым зэраӀулӀар
• Сыт Хьисэ И Адэм зэрелъэӀуар жорым езыӀулӀахэм щхьэкӀэ?
• Сыт дэ абыкӀэ зызэхуедгъэсэфынур?
27. Пунэлат зраха (p.27) (Лк. 23:32-34; МтӀ. 27:24-31)
• Хэт Хьисэ ахъшэкӀэ епцӀыжар?
28. Хьисэ и псэр хокӀ (p.28-28) (Лк. 23:44-49; МтӀ. 27:46-50; Яхь. 19:25-30)
• ХъунщӀакӀуитӀым дэтхэнэра къигъэгугъар жэнэтым игъусэу щыӀэну, икӀи сыт щхьэкӀэ?
29. Хьисэ и къурмэныр (p.29) (Яхь. 19:31-42)
• Хьисэ и псэр хэкӀын ипэ, иужь дыдэу жиӀа псалъэхэр сыт хуэдэ?
30. Хьисэ псэущ! (p.30-30) (Мк. 16:1-9; Яхь. 20:1-18) / КъыкӀэлъыкӀуэ видео пычыгъуэр: #17 Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжар
• ЦӀыхубзхэр махуэ ещанэм кхъэлэгъунэм къыщыкӀуам щыгъуэ, сыт абыхэм мелыӀычым къажриӀар?
31. Хьисэ тщӀыгъущ (p.31) (Лк. 24:13-43; Яхь. 20:19-29) / КъыкӀэлъыкӀуэ видео пычыгъуэр: #18 Уафэм зэрыдэкӀуеижамрэ, и гъэсэнхэм къазэрыӀущӀамрэ.
• Хьисэ Марьям къыщыхуэнэхуам, сыт абы къыжриӀар?
32. НэгъуэщӀ зыри "Япэр Сэращ" (p.32-32) (Яхь. 21:1-19; МтӀ. 28:16-20)
• Хьисэ сыт хуэдэ унафэ ПӀэтӀыррэ адрейхэмрэ ящӀэн хуейуэ яхуищӀар?
33. Щыхьэт (p.33) (ЛӀ. 2:22-39) / КъыкӀэлъыкӀуэ видео пычыгъуэр: #19 Хьисэ и иужь иувэ
• Хьисэ и гъэсэнхэр зэхуэсу Тхьэ щелъэӀуам, сыт абыхэм Тхьэм къаритар?
34. Тхьэр гъунэгъущ (p.34) (Эф. 1:1-15)
• Тхьэм дунейр фӀыуэ зэрилъагъум и щыхьэту щытыр сыт?
QS-Kabardino-Cherkez.pdf
Update: 12-Nov-2026